Text1.ru Jrpjej - Quedzoque Tole Tsık’u (Altıdoquehe Dolet Tsık’u Yi Wored)

Текст песни
Дунейшхуэри сыф1эмы инт
Ц1ыху тетыр ток1уэдык1
Тенджызыт1ымы къыхих пшагъуэр
Ди унап1урэ губгъуэм дисщ
Си шы гъуабжурэ сызытесыр
Мы кумбыжь мыгъуэм изогъалъэр
Шури лъэсыри сэ сэ къызэлъэу
Мы кумбыжь мыгъуэм сыкъыдэнай
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъым
Самалютыр къысщхьэщытщ.
Зи адэ-анэхэр къыщхьэщыту
Зи псэ хэк1ым мыгъуэм тхьэр етай
Сэ си гъусэурэ уэр Хьэмид
Гъащ1эр уи1эмэ укъэк1уэжынщ
Ущык1уэжк1эрэ дыдей дыхьи
Си к1уэдык1эри схуаже1эж
Уой рирай рирэ Уой рирай
Уэр къуэц1окъуэхэ т1олэ ц1ык1у
Си шыпхъуф1урэ Фат1имэтым
Унэр дахэу къыриик1т
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъыр
Лъы ф1ыц1эжьк1эрэ къизик1ай
Си шыпхъуф1урэ Фат1имэт
Укъысхуэщыгъыуи умыт1ыс
Пшынэ ф1ыц1эри уи 1эплъэм идзи
Гъыбзэ дахэм т1эк1у дежьу
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъыр
Удэплъей уафэхъуэпск1
Джанэзэпск1эрэ самыгъэпск1ыу
Лъы ф1ыц1эжь мыгъуэм сигъэпск1ай
Си гукъеуэри къэстхынут
Си 1э ижь мыгъуэри спымытыж,
Сытэджынурэ сык1уэжынут
Си куэ ижь мыгъуэр сгуэмытыж
Уой рирай рирэ Уой рирай
Уэр къуэц1окъуэхэ т1олэ ц1ык1у
Си шыпхъуф1урэ Фат1имэт
Си к1уэдык1эри уигу игъэлъ
Ди къуажэ кхъэми сыщ1элъатэм
Ублэк1ыхук1эрэ уреплъэк1ынт
Шэ шынакъыр къыщиск1утым
Шэ къыптихуэ къызжеп1ай
Шэ ф1ыц1эжь мыгъуэ къыщыстехуэм
Жьп1а псалъэри сигу къэк1ай
Пщэдджыжьыпэм сы-псыкъэхьт
Пщыхьэщхьэпэм сы –пхъэкъутэт
Шхэгъуэ хъууэ ц1ыху щыт1ыск1э
Хужьэ дейк1эрэ срок1уэк1ыж
Ф1ыуэ слъагъуу Лодэ ц1ык1у
Удэмык1уэу ущымыс
Дэнк1э ук1уэми си алошыр
Си фэеплъурэ зыщ1эгъэгъу
Уой рирай рирэ Уой рирай
Уэр къуэц1окъуэхэ т1олэ ц1ык1у


Оставьте свой комментарий